Адыгэм и тхыдэ жыжьэр

Адыгэхэмрэ ахэр къызытехъукIыжа лъэпкъыжьхэмрэ я тхыдэр илъэс мин бжыгъэ мэхъу. Абы и щыхьэт нэхъыщхьэщ ди бзэмрэ (макъыбзэ) ди хабзэмрэ нэхъ жьы дыдэхэм, нэхъ гугъухэм зэрыхабжэр. КъищынэмыщIауэ, сыт и лъэныкъуэкIи зэпэлъыта, адыгэ хабзэ къекIум хуэдэ лъэпкъым зэригъэпэщын папщIэ, зэман кIыхькIэ яубзыхуа, ягъэфIа, яджа лъабжьэ уиIэн хуейщ.
Мывэ лъэхъэнэ жыжьэм (илъэс мелуани 2,5-кIэ узэIэбэкIыжмэ) лъандэрэ Кавказым цIыху щыпсэуащ. Ар къагъэнэIуащ абыхэм щтаучымрэ базальтымрэ къыхащIыкIа Iэмэпсымэу мы щIыпIэхэм къыщыщIахыжахэм. Пасэрейхэр щакIуэт, гуп-гупу псэурт, бгъуэнщIагъхэм щIэст. Лабэ псыхъуэм къыщагъуэтыжа хьэпшыпхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ щыхьэт тохъуэ лъэхъэнэ жыжьэу цIыхум мафIэр зэщIигъанэу зыщригъэсам, ар къигъэсэбэпурэ нэхъри зэрызиужьам.
Кавказ псом дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэт 1955-1957 гъэхэм Бахъсэн аузым къыщагъуэта мывэ Iэмэпсымэхэр. Ахэр щыхьэт техъуащ цIыху зыужьыныгъэм и къыкIэлъыкIуэ лъэхъэнэм – мывэ лIэщIыгъуэщIэм – Бахъсэн и Iэхэлъахэм цIыху зэрыщыпсэуам. «Сосрыкъуэ и бгъуэнщIагъ» зыфIащар нэхъ куууэ щаджам белджылы хъуащ ищхьэ мывэ лъэхъэнэм и кIэм къыщыщIэдзауэ абы мызы-мытIэу цIыху зэрыщыпсэуар. Мыбы щэнхабзэ къатышхуэ щызэтелъхьат, кхъуэщынхэкIхэр щIыным ипэкIэ, цIыхум илъэс мини 10-12-м къриубыду къигъэщIам теухуауэ. Щтауч шабзэпэм, къупщхьэм къыхэщIыкIа сэхэм, шабзэхэм, хьэкIэкхъуэкIэхэм (щыхьым, мэзыкхъуэм, мэзбжэным) я къупщхьэхэм къагъэлъагъуэ бгъуэнщIагъым щIэсахэм щэкIуэным мыхьэнэшхуэ ирату зэрыщытар. Абы къищынэмыщIауэ, цIыхухэм пхъэщхьэмыщхьэ, нэщIэпкIэ къащыпу, матриархат зэхэтыкIэу, зэпымыууэ лажьэу, лъыкIэ зэпыщIауэ зэрыщытам щыхьэт техъуэ куэди щыIэщ.
Апхуэдэ мывэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыхэщIыкIа Iэмэпсымэжьхэр къыщагъуэтащ Шэджэм ипщэ пэгъунэгъуу, Кенжэ псы Iуфэм, нэгъуэщIхэми.
Неолит кIасэм (ди лъэхъэнэм ипэкIэ илъэс мини 3-4-кIэ узэIэбэкIыжмэ) Кавказ Ищхъэрэм и курыкупсэм цIыху зэрыщыпсэуам и щыхьэтщ 1930 гъэхэм Налшык и Iэхэлъахэм къыщагъуэтыжауэ щыта «Iэгъуэбэч жылэр». Ар мейкъуапэ щэнхабзэм щыщу жаIэ. А пасэрей жылэжьыр зытеса Iуащхьэр щаджам абы къыщIахыжащ Iэмэпсымэ зэхуэмыдэхэр. Мыбы къыщыгъуэтат мывэ джыдэ гъэджэфахэр, зэрытхъунщIэ Iэмэпсымэхэр, сэ, токъумакъ, убалъэ зэмылIэужьыгъуэхэр, нэгъуэщIхэри. Мыбы апхуэдэуи къыщагъуэтат япэ дыдэу цIыхум ищIыну зи ужь ихьа, ятIагъуэ хьэкъущыкъу къуабэбжьабэхэр. ПсэупIэм щыпсэуахэр щакIуэу, ерыскъыпхъэ къэкIыгъэхэр зэхуахьэсу щытауэ къыщIэкIынущ.
Домбеяк пасэм и лъэхъэнэм Кавказ щыпсэуахэм зыужьыныгъэшхуэ ягъуэтащ. Гъуаплъэ-домбеякъ лIэщIыгъуэм Кавказым щыпсэуахэм къащIащ нэгъуэщI цIыху лъэпкъхэр хы адрыщI, къуршым и ипщэ нэкIумкIэ зэрыщыIэхэр, икIи абыхэм япыщIа хъуат. ЦIыхум и зыужьыныгъэм апхуэдэуи сэбэп хуэхъуащ гъущI куэду зыщIэлъ щIыпIэхэр езы Кавказым пасэу къыщахутэу къагъэсэбэпу зэрыщIадзар.
1897 гъэм урыс археолог Веселовский Николай Мейкъуапэ и гъунэгъуу къыщигъуэтат кхъэжь гуэр. Абы зы лIыщхьэмрэ и фызхэмрэ я хьэдэкъупщхьэхэр щIэлът. Iэмэпсымэ гъэщIэгъуэнхэри къыщагъуэтат абы. Псалъэм папщIэ, дыщэ тхьэпэхэр, тхьэгъухэр, быжхэр, гъуаплъэ шыуанхэр, нэгъуэщIхэри. А Iэмэпсымэхэр домбеякъ лъэхъэнэжьым (ди лъэхъэнэм ипэкIэ илъэси 3500) щащIат.
Мейкъуапэ къэралыгъуэ фIащащ апхуэдэ къэхутэныгъэхэр куэду къыщагъуэта щIыпIэм: Псыжь лъэгу къыщыщIэдзауэ, Тэмэн хытIыгуныкъуэм нэс. Археологхэм зэрыжаIэмкIэ, Мейкъуапэ къэралыгъуэр иджырей бгырыс къуажэхэм нэхърэ нэхъ цIыкIуу зэхэсащ. ЦIыхубзхэр щIым елэжьырт мывэм, бжьакъуэм къыхэщIыкIа фIанэхэмкIэ. ФIыуэ зиужьат кхъуэщын гъэжьэным. Пэжщ, фIы дыдэу къайхъулIэу пхужыIэнутэкъым, ауэ зэрыIэбэн, ерыскъыр зэрахъумэн кхъуэщын къызэрыгуэкI ящIырт. Нэхъ зыхуэIэкIуэлъакIуэр мывэм елэжьынырт, ауэрэ хъарзынэ дыдэу гъущIри къайхъулIэ хъуат.
Ди лъэхъэнэм ипэкIэ илъэс 1300-хэм и кIэм ищхъэрэ Кавказым и гъущIхэкIхэр дуней псом щыцIэрыIуэу, кхъухькIэ хы Iуфэм Iуашу щытащ, апхуэдизкIэ Iэзэ хуэхъуат гъукIэнми: джыдэхэмрэ фIанэхэмрэ ягъэжырт, Iэмэпсымэ пащIэхэр – бдзыхэр, сэхэр, къамэхэр – ягъэжа нэужь аргуэру щIауIукIыжырт.
Ди лъэхъэнэм ипэкIэ епщIыкIутIанэ лIэщIыгъуэм тхыдэм къыхэщыж Iуэхугъуэшхуэу Европэм щыпсэу лъэпкъхэм Iэпхъуэн щIадзэри, Хы Хужьым къыщыщIэдзауэ Мысым нэс я зэхуаку дэс пасэрей лъэпкъыжьхэр къаугъэ хадзащ. Арауэ хуагъэфащэ Мейкъуапэ къэралыгъуэр зытекIуэдэжари.
А лъэхъэнэ жыжьэм и фэеплъу нобэми щыIэжщ кхъэлэгъунэ лIэужьыгъуэу псэунэхэр (дольменхэр, испыунэхэр). Ахэр Адыгэ Республикэм, Шапсыгъым, Абхъазым куэду щыIэщ, Кърымми Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэми уащрохьэлIэ. Псэунэхэм ныбжьышхуэ яIэщ — илъэс миниплIым ноблагъэ. Ар Кавказым ижь-ижьыж лъандэрэ щыпсэуа адыгэ лъэпкъыжьым къазэрыдекуIуэкIар хьэкъми, къызэрагъэсэбэпу щытар къахуэтIэщIакъым нобэр къыздэсым.
Адыгэр къызытехъукIыжа хьэтхэм щыщ гупышхуэ ди лъэхъэнэм ипэкIэ 2500-2400 гъэхэм Кавказ къуршым щхьэдэхыу, хы адрыщI къэралыгъуэшхуэ къызэрагъэпэщауэ зэрыщытам шэч къытрахьэжкъым щIэныгъэлIхэм. Хьэтхэм я зэманым дунейпсо утыкум щаIыгъа увыпIэм, щаIа пщIэм, зэрахьа лIыгъэмрэ къарумрэ щыхьэт техъуэ гъущIынэтхымрэ фэеплъхэмрэ щIэлъщ Азиемрэ Европэмрэ я музей нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм. Европэми, Азиеми, Африкэми, КъуэкIыпIэми я тхыдэщIэри гъэнщIащ а щIыналъэхэм адыгэхэм щагъэхъа Iуэхушхуэхэмрэ щагъэлъэгъуа зэфIэкIымкIэ. ЛIыгъэм, хабзэм, щIыхьым, нэмысым, гъэсэныгъэм, Iущыгъэм, дахагъэм я щапхъэу, адыгэ лъэпкъым къыхэжаныкIа къулыкъущIэхэм, унафэщIхэм, зауэлI хахуэхэм, пщы лъэрызехьэхэм, пащтыхь гуащэ щэныфIэхэм, щIэныгъэлIхэм даропагэ нобэр къыздэсым.

Хьэтхэмрэ Анадолэм
Дауи, адыгэм тхыбзэ иIэ хъуа нэужь лъэпкъым и щыIэкIэ-псэукIэм теухуа дэфтэрхэр зрагъэтIылъэкIыу щIадзащ. Ахэр тегъэщIапIэ пщIыуэ упсэлъэну нэхъ тыншщ. ГъущIынэтхым къызэриIуатэмкIи, зэрыжытIауэ, ди лъэхъэнэм и пэкIэ 2500-2400 гъэхэм ирихьэлIэу Анадолэм Iэпхъуауэ щытащ хьэтхэр. Хуэмурэ тенджыз ФIыцIэмрэ Мысырымрэ (Египетым) я зэхуаку дэлъ щIыналъэм тесу къэралыгъуэшхуэ къызэрыгъэхъуат ахэр. Иджырей Тыркур здэщыIэ щIыпIэм деж щыса Хьэт къэралыгъуэм, абы и тепщэхэм, псэукIам, ирагъэкIуэкIа зауэхэм ятеухуа тхыгъэ куэд къыхэнащ аккадхэм, ащырхэм, бабылейхэм я гъущIынэтхми. Ахэр тегъэщIапIэ пщIымэ, хьэтхэмрэ иджырей адыгэ-абазэ лъэпкъхэмрэ къызытехъукIыжахэр зыуэ, зы бзэкIи псалъэу щытауэ жыпIэ хъунущ. Хьэт къэралыгъуэр, Анадолэмрэ Мысырымрэ я закъуэ мыхъуу, КолхидэмкIи (Абхъазым) къыдригъэзейуэ Темэн (Тамань) хытIыгуныкъуэм нэсыху хы ФIыцIэ Iуфэм екIуэкIыу Iусауэ щытащ, Iуащхьэмахуэ нэс къыкIуэцIрыкIыу.
Дызытепсэлъыхь зэман жыжьэм Хьэт къэралыгъуэмрэ Мысырымрэ зауэ гуащIэ бжыгъэншэхэр дэлъащ я зэхуаку. Ауэ, Рамзес ЕтIуанэр пащтыхьыгъуэм зэрытетрэ илъэс 34-рэ щрикъум ирихьэлIэу, Хьэт къэралыгъуэмрэ Мысырымрэ дунейпсо тхыдэм япэ дыдэу къыхэщыж мамыр зэгурыIуэныгъэ зэрызэращIылIэри, хьэтыпщ Хьэттусилэ Ещанэм и пхъур Рамзес ЕтIуанэм щхьэгъусэу иритащ. А зэманым хамэ къэрал къикIа пщащэхэр фирхьэуным и фызхэм ящыщ зыуэ, пщIэшхуи ямыгъуэту къалъытэрт, ауэ Рамзес благъэ хуэхъуа лъэпкъым хуиIа пщIэм и щыхьэту, Хьэттусилэ и пхъур фирхьэуным и щхьэгъусэ нэхъыщхьэ ищIауэ щытащ.
Ди лъэхъэнэм и пэкIэ 1100 гъэхэм ирихьэлIэу хьэтыбзэмрэ щэнхабзэмрэ кIуэдыжыпащ. Зауэ бжыгъэншэхэм, къэралыгъуэр къэзыхъуреихьауэ къеныкъуэкъу ащырхэм, алыджхэм, куржыр къызытехъукIа пасэрей лъэпкъыжьхэм хьэтхэм я къарур щIахат. Ауэрэ, зэрыпхъуакIуэхэм яхэшыпсыхьыжащ зауэм къела ди лъэпкъэгъухэр.
Щынд-мэуэт лъэпкъыгъуэхэр
Мэуэтхэм тхыбзэ ямыIами, хьэтхэм я бзэри, я хабзэри, я щэнри, я фащэри зыхъумэжар Ахынрэ МыутIрэ я Iуфэм щыпсэуа щынд-мэуэт адыгэ лъэпкъхэрщ. Абы и щыхьэту къыщIэкIынущ адыгэхэм хьэтхэм епха унагъуэцIэхэр къазэрыхуэнар: Хьэтэ, Хьэткъуэ, Хьэту, Хьэтай, Хьэтыкъуэ, Хьэтыхъу, ХьэтIэгъур, уеблэмэ Хьэтыкъуей лъэпкъ щхьэхуэр, нэгъуэщIхэри.
Ди лъэхъэнэм ипэкIэ 8-7-нэ лIэщIыгъуэхэм, ищхъэрэ-къухьэпIэ Кавказым къэралыгъуэщIэ къыщыунэхуат МэуэтейкIэ зэджэр. А къэралыгъуэм щыпсэуащ тэрэуэтхэри, досххэри, щындхэри, псессхэри, керкетхэри, нэгъуэщIхэри. ЛIакъуэ къэс езым и щIыгу гъэнэхуа иIэжт, щхьэж езым и пщым и унафэм щIэтыжт.
Мэуэтхэм ятетхыхьащ ди лъэхъэнэм и пэкIэ япэ лIэщIыгъуэм псэуа хэкумэтх (географ) цIэрыIуэ Страбон. Археологхэм къатIэщIа къалэжьхэр щыхьэт тохъуэ илъэс миным нэскIэ мэуэт щIэнхабзэм зиужьурэ къызэрыгъуэгурыкIуам.
Абы щыгъуэ, Мэуэтымрэ Алыджымрэ я захуэкум сату гъуэгухэр щыпхашат, алыджхэм санэри, дагъэри, хьэкъущыкъухэри, Iэмэпсымэхэри Кавказым къашэу. Кавказым исхэм хадэхэкIхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ я куэдти, алыджхэм къашэм пагъэкIуэжырт адыгэхэм я хьэцэпэцэхэр, лыр, бацэр, бажафэр, пщылIхэр.
Мэуэтхэр гъунэгъугъэкIэ япыщIат нэгъуэщI лъэпкъхэм: псалъэм папщIэ, ищхъэрэмкIэ хы ФIыцIэм къыIутIысхьа кимерийхэмрэ скифхэмрэ, Тэнрэ Индылрэ я зэхуаку щыпсэуа щэрмэтхэм. Ауэ мэуэтхэр нэхъ зыпыщIар Боспор алыдж къэралыгъуэрат. Ауэрэ Къыркъ (Керчь) псы дэжыпIэм и Кърым лъэныкъуэмкIи, мэуэтхэм я хэщIапIэ нэхъыщхьэу Темэн хытIууащIэмкIи ди лъэхъэнэм и пэкIэ 6-нэ лIэщIыгъуэм щыщIэдзауэ алыджхэр гуп-гупурэ къитIысхьэу хуежьащ. Кърымым щыIэ Алыдж къалэхэр зэгухьэри, ди лъэхъэнэм и пэкIэ 480 гъэхэм яухуауэ щытащ Боспор пащтыхьыгъуэр. Лъэрызехьэу къэунэхуа алыдж пащтыхьыгъуэм и жьауэр къытепсащ мэуэт лъэпкъхэми. ЗэрыпхъуакIуэхэм лъэпкъыр къыIэщIэхыжынымкIэ зауэшхуэ иригъэкIуэкIауэ щытащ мэуэтыпхъу, щынд гуащэ Тыргъэтауэ. Ди лъэхъэнэм и пэкIэ 388 гъэм къалъхуат Тыргъэтауэ, щындхэм япщ Джэгъэтей и щхьэгъусэу щытар. Боспор пщыгъуэм и тет Щэтир щындхэмрэ мэуэтхэмрэ къезауэрт, я щIыр иубыдыну хуейуэ. Тыргъэтауэ и адэ Шупашэ нэгъуэщI бын иIэтэкъым, езыр жьы дыдэ хъуати, ипхъу закъуэр мэуэтыдзэм и пашэу зауэм щыIащ. Тыргъэтауэ джатэр апхуэдизкIэ Iэзэу игъэIэкIуэт, лIыгъэ абрагъуэ игъэлъагъуэу зауэрти, зауэлI нэхъ лъэрызехьэхэм зыкIи къакIэрыхуртэкъым. Иужьрейуэ зыхэта зекIуэм мэуэтхэм текIуэныгъэр къыщахьауэ, боспорыдзэм щыщу зы зауэлI закъуэ фIэкIа къэмынэу (хъыбарегъащIэу Щэтир деж яутIыпщыжауэ арат), псори зэтраукIэри къагъэзэжат. Куэд дэмыкIыу, Щэтир дзэ зэхуишэсыжри, щындхэм къатеуащ. «Уи щхьэгъусэр я пашэу мэуэтхэм си дзэр зэтракъутащ. Силъ сщIэжыну сыкъэкIуащи, е уи щхьэгъусэр дукIынущ, е щындхэм зауэ фыдощIылIэ», — жиIэу, Щэтир щытригъэчыныхьым, Джэгъэтей и щхьэгъусэр хытIыгум иригъашэу, лIэжыху абы щIэубыдауэ щаIыгъыну гурыIуащ пащтыхьым. Апхуэдэуи ящIащ. Мамыр зэгурыIуэныгъэ кърищIылIэри, Щэтир и пхъур Джэгъэтей щхьэгъусэу къритащ. Абдежым Щындейр Боспорым и дамэгъу хъуащ.
Зи щхьэгъусэр зэпцIыжа, къызыщхьэщымыжа, лажьэ зимыIэу лей къызытехьа Тыргъэтауэ илъэс зыбжанэкIэ хытIыгум щаIыгъауэ, гъэпцIагъэкIэ абы къикIыжри, и дыщым игъэзэжащ. И адэр дунейм ехыжауэ щрихьэлIэжым, тетыгъуэр къызылъыса пащтыхьым дэкIуэжащ ар. Абы илъэс зыбжанэкIэ мэуэтыдзэ зэригъэпэщри, Щындейм щIэх-щIэхыу теуэурэ, Щэтир гуауэмрэ бампIэмрэ ихьыжыху езэуащ. Щэтир дунейм ехыжа нэужь, абы и къуэ Горгипп пащтыхьыгъуэр къыщылъысым дуней фIыгъуэр саугъэту Тыргъэтауэ къыхуишэри, мамырыгъэм щIэлъэIуну къыхуэкIуауэ щытащ икIи абдежыращ зауэм щыщигъэтар.
Ридадэ и лъэхъэнэм
Ди лъэхъэнэм и 1000 гъэхэм Адыгэ щIыналъэм къыщекIуэкIа Iуэхугъуэхэм нэхъ къахэгъэщхьэхукIыпхъэхэм ящыщщ кIэсэгухэм (касогхэм) я пщышхуэ Ридадэ зэрихьа лIыгъэр. Ар пелуану щытауэ къыхощыж урыс тхыдэм, зыхэпсэукIа зэманми къарукIэ къытекIуэн зы цIыху хэкум имысауэ. ЦIыхубэм Редадэ хуиIэу щыта пщIэмрэ лъагъуныгъэмрэ я фэеплъу адыгэ уэрэдыжьхэм ежьууэ къыханащ “Уэ, Ридадэр”.
1022 гъэм кIэсэгу лъэпкъым къебгъэрыкIуат тэмтэрэкъей пщы Мстислав Хахуэр. Ар Ридадэ къыщищIэм, дзэшхуэ къызэригъэпэщри, бийм пежьащ. ДзитIыр щызэпэщIэувэм, Ридадэ къыхилъхьащ лъыгъажэ къыхэмыкIыу Iуэхур зэфIагъэкIмэ зэрынэхъыфIыр, IэпщэрыбанэкIэ пщитIым зызэрапщыту, хагъащIэм ищIри, и унагъуэри, и гъащIэри текIуэм ейуэ. АбыкIэ зэгурыIуа пщитIыр зэрыубыдри, зэрытемыгъакIуэу махуэ ныкъуэкIэ зэзэуащ. Мстиславым къыгурыIуащ зэрытемыкIуэфынур икIи игъэпщкIуа сэр кърипхъуэтри, Ридадэр къиукIащ. Абы и ужькIэ Мстислав Ридадэ и щхьэгъусэмрэ и къуитIымрэ гъэру иубыдащ, кIэсэгу адыгэхэм тын Iихыу щIидзащ, щIалитIми урысыцIэу Юрийрэ Романрэ къафIищыжащ, уеблэмэ ипхъу Татьянэ Романым щхьэгъусэу къритыжат, ауэ щIалэм щIэблэ къыщIэмыхъуэ щIыкIэ зауэм хэкIуэдащ.
Дауэ мыхъуами, урыс лъэпкъыжьхэу Белеутов, Алехнов, Клушин, Рябчиков, Викентьев, Гусев, Добрынский, Елизаров, Зайцев, Бирдюкин, Поджогин, Симский, Образцов, Телегин, Сорокоумов, Глебов, Бобров, Бурунов, Кокошкин, Лопухин, Лупандин, Лаптев, Морев, Ушаков жыхуиIэхэр Ридадэ и щIэблэм къатехъукIыжауэ ятх тхыдэджхэм.
КIэсэгухэм ауэ сытми хуагъэгъуакъым ар урысыпщым – илъэсихкIэ дзэшхуэ къызэрагъэпэщыжри Тэмтэрэкъейм щыщ къыхэмынэу зэтракъутауэ ятхыж. Тэмтэрэкъей уэркъыгъуэр кIуэдыжа нэужь зыхьэхэмрэ кIэсэгухэмрэ я цIэри мэбзэхыж. Тэтэр-монголхэр адыгэ хэкум къебгъэрыкIуэу щIадза нэужьщ, «черкес» фIэщыгъэцIэр адыгэм къыщыфIащари.